Алимрэ Къайсынрэ я зэныбжьэгъуныгъэр
Язык издания: русский
Периодичность: ежедневно
Вид издания: сборник
Версия издания: электронное сетевое
Публикация: Алимрэ Къайсынрэ я зэныбжьэгъуныгъэр
Автор: Бегиева Эльмира Муаедовна
Бгы макъамэм и къудамит1 - Алимрэ Къайсынрэ. Лъэпкъым лъэпкъ узыншэ жезыгъы1эр абы къыхэк1 ц1ыхухэращ. Лъэпкъым къаруушхуэ, лъэщыныгъэ, хахуагъэ ябгъэдэлъу, е ц1ыху 1ущ куэд къахэк1мэ, лъэпкъ узыншэ, лъэрызехьэ, лъэпкъ губзыгъэ хужа1э хабзэщ. Апхуэдэ ц1ыхухэм ящыщу, сэ къызолъытэ, бгы макъамэм я къудамит1ым хуэдэ балъкъэр литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщ1а Къайсын Кулиеврэ, адыгэ усыгъэмрэ прозэмрэ икъук1э зезыгъэужьа К1ыщокъуэ Алимрэ. Ди лъэпкъ мащ1эхэм я литературэм зиузэщ1ын папщ1э лэжьыгъэшхуэ ирагъэк1уэк1ащ Къайсынрэ Алимрэ. Уеблэмэ, псэемыблэж жыхуа1эм хуэдэу пэщ1этащ ахэр я лъэпкъэгъухэм гъащ1эм и пэжыр я пащхьэм иралъхьэн папщ1э. Къайсынрэ Алимрэ я къалэмыпэм къыщ1эк1ащ нобэр къыздэсым ди ц1ыхухэм гу имыхуж ящыхъуа тхыгъэ куэд. Абыхэм я усэхэри прозэхэри бзэ дахэк1э, бзэ щэрыуэк1э тхащ, художественнэ 1эмалхэмк1э гъэнщ1ащ. Тхак1уэ гъуэзэджэхэм я произведенэхэм икъук1э сюжет гъэщ1эгъуэн я1эщ, темэ зэмыл1эужьыгъуэхэр къыщы1этащ, къыщыхэщ образхэри гурыхьщ. Псом хуэмыдэу сэ нэхъ гукъинэж сщыхъуащ зауэ зэманыр къыщыгъэлъэгъуэжа усак1уэхэм я сатырхэр. Абыхэм я усэхэм ущык1уэц1рыплък1э 1упщ1 мэхъу зауэм и гуауэр куууэ а усак1уит1ым зэрызыхащ1ар. Зауэ гуащ1эр зи нэгу щ1эк1а тхак1уэхэм я тхыгъэхэм 1эзэу къыщыгъэлъэгъуэжащ абы насыпыншагъэу тхьэмыщк1агъэу ц1ыхубэм къахилъхьар. Алимрэ Къайсынрэ я тхыгъэхэм къыщыхэщ образхэр л1ыгъэ ин, хахуагъэшхуэ зыбгъэдэлъ, зи Хэкум хуэпэж, ныбжьэгъугъэ, ц1ыхугъэшхуэ зыбгъэдэлъхэщ. Абы я тхыгъэхэм къыщыхэщхэм ещхьу п1эрэ жып1эу урегъэгупсыс езы усак1уит1ым я хьэл-щэнхэм, я зэхущытык1эм. Зауэм зридзыл1а зауэл1хэу Алимрэ Къайсынрэ гугъуехь зыпылъ гъуэгу к1ыхь къызэранэк1ащ. Абыхэм я гукъэк1ыжхэм уриплъэмэ, къыбгуро1уэ а ц1ыхуит1ым ныбжьэгъуныгъэ пэж, гуапагъэ, пэжыныгъэ я зэхуакум зэрыдэлъар. Апхуэдизк1э абыхэм я гур зыхуэпабгъэу щытти, я гуф1эгъуэри, я гузэвэгъуэри зэгъусэу ягъэвырт. Абы щыхьэт тохъуэ Къайсын и лъэпкъэгъухэр Къэзэхъстаным ягъэк1уауэ щызэхихам, япэ дыдэу а хъыбар мыхъумыщ1эр К1ыщокъуэ Алим зэрыжри1ар. Алим и ныбжьэгъум къыдалъхуахэм лей къытехьам 1ейуэ игъэнэщхъеящ ик1и зэрыхузэф1эк1к1э и ныбжьэгъум гуауэр ди1ыгъащ. Лъэпкъит1ым я вагъуэхэу – К1ыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ сэ икъук1э сропагэ ик1и срогушхуэ. Усак1уит1ым я произведенэхэу сэ дапщэ щ1эзмыджык1ами, сыт щыгъуи гукъинэж сщыхъуащ. Абыхэм я дэтхэнэ зы тхыгъэри гупсысэ ин, гъэсэныгъэ, ущииныгъэ мыхьэнэ зыхэлъщ. Сыхуейт сэ апхуэдэ купщ1э зыхэлъ тхыгъэхэр ди иджырей зэманым нэхъыбэу къытрадзэну.