Сценарий на черкесском языке


Скачать публикацию
Язык издания: русский
Периодичность: ежедневно
Вид издания: сборник
Версия издания: электронное сетевое
Публикация: Сценарий на черкесском языке
Автор: Казанокова Радима Муаедовна

Адыгэбзэр бзэм и щ1эбзэщ, хабзэр абы и тебзэщАдыгэ лъэпкъыр сыту дахащэ!Адыгэ лъэпкъыр сыту гумащ1э!Ди гур гушхуауэ дэ дывгъэпсэу,Ди лъэпкъ дахащэм дыдэщ1эращ1эу!Сыхуейщ сэ сыт щыгъуи щытыну:Ди адыгэщ1ыр мамыру!Ди адыгэщ1ыр щ1эращ1эу!Адыгэ лъэпкъыр псэуну!Фи махуэ ф1ыуэ , ди хьэщ1э лъап1эхэ, фи махуэ ф1ыуэ ди ц1ык1ухэ.Нобэ дызытепсэлъыхьынур ди адыгэ лъэпкъым, хабзэм, бзэм, гъэсэныгъэм.Пасэ зэманым ди гъунэгъу лъэпкъхэм щапхъэ трахт адыгэхэм, ахэм я хабзэхэм, гъэсэныгъэм, дуней тетык1эм. Гъэсэныгъэр ц1ыху зыгъэдахэ, зыгъэин и гъащ1эр зыгъэтынщ. Унагъуэ укъызыхэк1ам, уи адэ-анэм, уи лъэпкъым и щ1ыхьыр пхъумэу упсэун хуейщ.Нобэрей ди пшыхьыр къызэ1уех Чэтауэхэ Станислав и усэмк1э «Адыгэ лъэпкъ»Адэжъ щ1ыналъэ,Си нэр зыгъаплъэ,Си лъэр здэбыдэ,Зыми хуэмыдэ.Уэ уи жьэгу дыщэмЩызек1уэ хабзэмАнэдэлъхубзэр ныддобзэрабзэрГъэс: нанэ дыгъэпсыр къещтэри ,Хедэ си адыгэбзэмДадэ уэзджынэр къещтэри Хелъхьэ си адыгэбзэмПсынэр 1ущащэу къожэхриСи адыгэбзэм хожабзэПшынэр си шыпхъум къещтэриСи адыгэбзэм хуегъабзэАдэк1э «Си бзэ» усэр къыджи1энущ Аслъэныкъуэхэ Аминэ Адыгэбзэ, сэ уи дыгъэр Махуэ къэск1э къысхуоупсэ,Адыгэбзэм и дахагъэм,Къысхелъхьэжыр адыгэпсэ.Си бзэ дахэу адыгэбзэ,Си бзэ щабэу адыгэбзэУзигъусэщ жэщи махуи,Гущ1агъщ1элъу си анэм и бзэ Адыгэбзэ, уэ си гъащ1эм Хьэл щэныф1хэр къыхэплъхьащ Къэрмокъуэхэ ЗарэСыбгъэгушхуэу сытым щыгъуиУэ си гъащ1эм ухэлъынщСи адыгэбзэу си анэм и бзэрБзэ псоми япэ тхьэм къигъэщ1ащСи адыгэбзэу си лъэпкъым и псэр Аджырхэ ШамильСэри ди тхьэшхуэм тыгъэ схуищ1ащГъэс. Ди бзэр хуабжьу дахэщ, щабэщ, гуапэщ, 1эф1щ.«Сэ сыадыгэщ!»- жып1эн щхьэк1э псом нэхъапэу адыгэбзэр уэрсэру п1уырылъу, уи анэдэлъхубзэмк1эугупсысэу щытыпхъэщ, пщ1эн хуейщ псалъэжьхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, къуажэхьхэр, таурыхъхэр.Псалъэжьхэр зэрытщ1эм нэ1уасэ дыхуащ1ынущ
  • Нэхъыжь к1элъыджэкъым , к1элъок1уатэ . В. Камилэ
  • Куэд жызы1э нэхърэ куэд зылэжь. К. Алихан
  • Адыгэ хабзэ уи1эу- хабзэ умылъыхъуэ А. Аминэ
  • Хабзэр, бзэр, гъэсэныгъэр- адыгэ лъэпкъым и дыгъэщ
  • Гупсыси псалъэ зыплъыхьи т1ыс. У. Аиша
  • Адэк1э ц1ык1ухэ жыдывгъэ1э ди псынщ1эрыпсалъэхэр:
  • Лэныстэмастэ, къэбыстэ - п1астэ. В. Камила
  • Мо шк1э бур ди шк1э, мо шк1э бур ди шк1э Д. Ахьмэд
  • Пыжь пызу, пыту , щыту жыг Къ. Саид
  • Ди ц1ык1ухэм фагъэлъагъунущ зы теплъэгъуэ адыгэ хабзэм теухуауэ.Щымы1э насып , здэщымы1э нэмыс. Тхьэм фигъэпсэу ц1ык1ухэ. Зыхэвубыдауэ къызэлъытэ ди хвбзэ дахэхэрАдэк1э фыкъеда1уэ ди ц1ык1ухэм фхуагъэхьэзыра уэрэдым «Си адыгэбзэ» Мурат НагоевАдыгэ унэ, адыгэ фащэ, адыгэ нэмыс, ди адыгэбзэ. Хуабжьу узгъэгупсысэ 1уохугъуэщ а псалъэхэр. Фэращ къэк1уэныр зейр ц1ык1ухэ. Дывмыгъэгъэк1уэдыж ди адыгэбзэ дахэр.Ди пшыхьыр зэхуэтщ1ыжынщ Алихъан и хъуэхъу дахэмк1э. таурыхъ ц1ык1у. Ди таурыхъ хьэщ1эщым фыкъыдогъэблагъэ. Таурыхъ « Дыщэ унэм и уасэр»Гъэс: Еуэри зы хъаныжь бей гуэр ищ1эн имыщ1эжу удэфад. Еуэри дыщэ защ1эу гъэжауэ унэ ирегъэщ1, абы хъаным тхьэлъэ1ушхуэ, ефэ ешхэшхуэ ирещ1ылъэж. Ц1ыхуу щы1эр къызэхуешэс хъыбар ярегъащ1эри. Тхьэлъэ1ур ямыублэ щ1ык1э хъаным яжре1э зэхуэсахэм :.Хъан: Иджы си унэм и тхьэлъэ1ум фезгъэфэну-фезгъэшхэну аращ фыкъыщ1езджар, ауэ тхьэлъэ1ум ипэ ихуэу си унэм уасэ хуэфщ1, сигу ирихьу си унэм и уасэр фымыгъэувауэ зыри къэсщтэнукъымГъэс. Ц1ыхухэм щ1адзэри хъаным и унэм и уасэр щхьэж къызэрыф1эщ1ым хуэдэу ягъэув. Зым жи1эри:
  • Сом минищэ (хъаным идакъым)
  • Мин щит1 ( ет1уанэм жи1эри хъуакьым)
  • Милуан ( ари пхырык1акъым)
  • Миллиард ( ари идакъым)
  • (Дыхьэшхри зыри щымыхъум зыгуэрэм жи1ащ) Ахъшэу дунейм тетым и уасэщ ( ари идакъым)
  • Ау, ат1э уэлэхьи дымыщ1э абы адэк1э уасэ зэрыхуэтщ1ынур
  • Гъэс: Жа1эри жылэр гузавэу, ящ1эн ямыщ1эжу зэхэувэжащХъан: сигу загъэу унэм и уасэр фымыгъэувауэ тхьэлъэ1ур къэсщтэнукъымГъэс: Жи1эри иублэн идэкъымХъан: Зыгуэр къэвгупщыси къысжеф1эГъэс: Жи1эри к1уэри щ1эт1ысхьэжащ. Дунейм мыбы уасэ хуэдмыщ1ыфыу дауэ хъун жа1эу, жылэр гузавэу зэхэту зы щ1алэ гуэр шууэ здыблэк1ым къвгъэувы1эри !уэхур зы1утыр жыра1ащ. Щ1алэр дыщэ унэм еплъ, еплъри жи1ащШ1алэ:Мыр пэжу унэ дахэщ, мылъкушхуи иуасэщ, ауэ уэгъум и зы махуэ уэлбанэ иуасэкъым
  • Алыхь-алыхь мыр хъаным зэхихмэ иук1ынщ
  • Гъэс: жари жылэр гузэващ
  • Мыр зи уасэ мылъку дгъуэткъым , зы махуэ уэлбанэ жыхуи1эр сыт
  • Гъэс: К1уэри щ1алэм жи1ар хъаным щыжра1эм , мис абы хуигъэзащ си унэм и уасэр жи1эри гуф1ащ. Мэжэщ1алъэ ухъум си унэр зы щ1акхъуэк1э пщэнщ, а махуэ уэлбанэм уасэ и1экъым. Щ1алэм мылъкушхуи къыритри и тхьэлъэ1ури яригъэшхащ. Тхъэуэ псэууэ къэнэжащ.Вывод: Мылъкур уасэпсщ, мылъкум зыдебгъэхьэх хъунукъым.Адыгэ унэ, адыгэ фащэ, адыгэ нэмыс, ди адыгэбзэ. Хуабжьу узгъэгупсысэ 1уохугъуэщ а псалъэхэр. Фэращ къэк1уэныр зейр ц1ык1ухэ. Дывмыгъэгъэк1уэдыж ди адыгэбзэ дахэр.Ди пшыхьыр зэхуэтщ1ыжынщ ц1ык1ухэм ягъэхьэзыра уэрэд ц1ык1умк1э